-
1 щIэдыхьэшхыкIын
(щIодыхьэшхыкI) неперех. гл. усмехнуться/ ГъэпщкIуа-гъэпщкIуауэ (нэхъыбэм ауан хэлъу) мащIэу дыхьэшхын.* Долэт, къехъулIахэм щхьэкIэ и щхьэр игъэсысурэ, щIэдыхьэшхыкIащ. Лъэб.ПащIэм щIэдыхьэшхыкIын см. пащIэ. -
2 пащIэ
I верхняя губа ( человека и животного)/ ЦIыхум е Iэщым и Iупэ щIыIу, и пэ щIагъ.* Уи пащIэр шхэмэ, лы шхынущ. IуэрыI.II усы, ус/ IупщIакIэ щIыIум къытекIэ цы.* ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыркъым. (погов.) Джэду пащIэ.ЛIыуэ пащIэ тетщ см. лIы. ПащIэ ттетщ сами с усами.ПащIэм щIэдыхьэшхыкIын ухмыляться.* - Емыджар гугъущ, - жи Исуф и пащIэм щIодыхьэшхыкIри. Щ. Ам.ПащIэр хуэупсын намылить шею кому-л.ПащIэр хуэIуэнтIэн согнуть в баранний рог, задать перцу кому-л.ПащIэр щIэIуэнтIэн закручивать усы.* Я пащIэ кIыхьыр щIаIуантIэу Нэхъыжьхэр жьантIэм щыхъуахъуэрт. Хь. Хь.Тетыр пащIэкъым см. тетын.